Jump to content

ШытхъунщӀ

From Wikisource

ШытхъунщӀ

Шэщ бжэӀупэр джэгупӀэ тхуэхъуащи, пщэдджыжьым жьыуэ дыкъыщолъэтри дызэрохь. ШэщымкӀэ псыӀэрышэ блож, дзэлыгъуэм и жьауэм зыщигъэпщ1кӀуауэ. Ди унэр хъуэш жыгишхуэм къыхэщыркъым – зыми дыкъылъагъунукъым, дызэранми. Ди анэр Истанбыл кӀуащ – къытпэплъэн искъым ди унэ. Си къуэшым сэрэ – ар зы илъэскӀэ нэгъыщӀэт – ди шыгъашхэ лӀыжьым, Дударыхъу, дыкъыкӀэрыкӀыркъым. Шым пэтщӀщыӀэкъым тӀуми: сыт и уасэ шыр псафэ пшэныр! Хьэсэн и закъуэ шэсын мэшынэ ныджыри – аращ Дударыхъу шыпӀлӀэм щӀыдигъэтӀысхьэр. Шыр псафэ къитшыжамэ Ӏэнлъэм зэнтхъ идокӀутэ, шхалъэм мэкъу дыгъэлыр дэз дощӀ, шэщыр къыдотхъу. Псом хуэдэж шыр птхъунщӀыныр! Дударыхъу шытхъунщӀыр къищтэрэ шым еувалӀэмэ, сыщохъэ:
   - Сэ сыгъэтхъунщ шыр!
 
Дударыхъу сеӀэтри, шым и тхыцӀэм сытрегъэзагъэ, щытхъунщри къысӀэщӀелъхьэ:
   - ТхъунщӀ. Уемыгуауэ закъуэ.
 
     ШытхъунщӀыр Псэбыдэ и тхыцӀэм дызолъэ. Шым и тхьэкӀумэр зэблегъэплъ.
   - ИкӀэр игъэкӀэрахъуэрэ Псэбыдэ? – соупӀщ Дударыхъу.
   - ЕгъэкӀэрахъуэ.
   - Сеплъынти.
 
     ЗызогъэзэкӀ, арщхьэкӀэ шым и кӀэр слъагъуркъым: шы тхыцӀэм сыкъытэщ къудейщ, шыкӀэр дэнэ щыслъагъун!
 
     Аращ пщэдджыжь къэси: шэщым сынэсакъэ – лӀыжьым сыщохьэ:
   - Шыр сэ сыгъэтхъунщ, дадэ!
   - Пхуэтхъунщынкъым.
   - Сыт щӀысхуэмытхъунщӀынур?
   - Уи ныбжь нэсакъым. УцӀыкӀунитӀэщ.
   - СхуэтхъунщӀынущ!
   - Зэ укъытримыч. Нэхъ укъыдэкӀуэтеймэ.
   - Дапщэщ сыкъыщыдэкӀуэтейинур?
 
     Иужьрей упщӀэм жэуап кърит хабзэтэкъым Дударыхъу.
 
     Шыр зэрыстхъунщӀыр игу ирыхь хъунтэкъым: сыцӀыкӀунитӀэ пэтми, гу лъыстэнтэкъэ абы! Шы ныбэгум сыщӀэуэ къудейщ. Шыми ищӀэ хъунщ сызэрыцӀыкӀунитӀэр: щыстхъунщӀкӀэ, и тхьэкӀумэр егъэкӀ, хопырхъыкӀ, зобэдзауэ, щыпхыукӀи къохъу. Дударыхъу бзэ къызыхуимыгъуэтын щыӀэ! Шым зыщихъунщӀэкӀэ, и тхыцӀэм телъэщӀыхьурэ трегъэужь, йодэхащӀэ. Дахэр хозагъэ Псэбыдэ! Тоужри, шхалъэм йоувэлӀеж.
 
     Шэщым си закъуэ сыкъыщӀэнащ зэгуэрэм. Хьэсэнрэ Дударыхъурэ псым кӀуат. “Шыр стхъунщӀынщ”, - жысӀащ, -“ ахэр къэсыжыхукӀэ”. ЩытхъунщӀым солъыхъуэри, зыгъуэтыркъым. Шэщым пыхукӀауэ, къуэдзапӀэ иӀэт Дударыхъу. Абы сыщӀыхьащ. Шы Ӏэпслъэпсхэм сахэплъащ – шытхъунщӀыр яхэзгъуэтакъым. Дэнэ щигъэпщкӀуар? ПлӀанэпэм дэт пхъэ гъуэлъыпӀэм и щӀагъым пхъуантэ удзыфэм дэлъщ, дауи. Пхъуантэр гъуэлъыпӀэ щӀагъым къыщӀэслъэфри зэтесхащ – дэлъщ! ШытхъунщӀщ1эрыпсщ, ди анэм Истамбыл къыхуригъэхащ.
 
     ЩытхъунщӀыр къэспхъуатэри, Псэбыдэ сыбгъэдэлъэдащ. Сызыбгъэдигъэхьэкъым! Елъэкъуэуащ, зриӀунтӀыхьащ. «И щӀыфэр згъэуз хъунщ», жысӀащ сигукӀэ. ШытхъунщӀым и дзэм сеплъащ: жаныбзэт, цыпхыдзэ хуэдэ! ШытхъунщӀыр мэлыд, дыжьыным къыхэщӀыкӀа фӀэкӀ пщӀэнуркъым. “ И дзэр Ӏузгуэнщ” – жысӀэри, шытхъунщӀыр мывэ блыным щысхъуащ. “Дзагуэ хъуащ иджы”, - жыс1эри, шым сахыхьащ. Зым сызбгъэдигъэхьакъым! Зыкъысхуагъэгуса фӀэкӀ пщӀэнукъым: зырагъэзэкӀри мэпырхъэ, я тхьэкӀумэр зэблагъэплъ. ШытхъунщӀращ зи лажьэр! Сыхурикъункъэ шытхъунщӀым.
 
     Шэщым ибгъукӀэ мывэ хьэкхъуафэ щылът. Хьэкхъуафэм ислъхьащ шытхъунщӀыр, супӀэщӀыху сыкӀэрыкӀакъым. СупӀэщӀри, хьэкхъуафэм издзэжащ шытхъунщӀыр.
 
     ЛэжьакӀуэ щыкӀуэкӀэ, шэщым ныщэплъэ и хабзэт ди адэм. А пщэдджыжьми ныщӀэплъащ. Си закъуэт шэщым щӀэтыр – Хьэсан къысхуэгъэушакъым а пщэдджыжьым. Хьэкхъуафэм илъ шытхъунщӀым гу лъитащ ди адэм. Шыгъашхэм еджащ:
   - Дударыхъу, мыдэ къакӀуэт!
 
     Си псэр ӀукӀынтэкъэ – си щхьэфэцым зрисащ. ЛӀыжьым шытхъунщӀыр зэпеплъихь, и дамэр дрегъэуей – зыри къыгурыӀуэркъым.
   - Хэт зыкъутар?
   - Дэнэ щысщӀэн? – жиӀэщ лӀыжьым.
   - ГъуэлъыпӀэ щӀагъым щӀэт пхъантэм дэлъащ.
 
     Ди адэр къызжьэхэплъащ. И жьэр зэщӀезгъэхакъым – япэ зыкъизгъэщащ:
   - Хьэсэнщ, - жысӀащ, щхьэр щӀэзгуауэ.
   - Хьэсэни?
   - Ӏь. Дударыхъу и къуэдзапэм дыгъуасэ щӀэхьэри шытхъунщӀыр пхъуантэм къыдихащ, хьэкхъуафэм ирилъхьэри иупӀэщӀащ.
   - Дударыхъу щьхэ жумыӀарэ ар щыплъагъум?
   - Жейти къэзгъэушакъым.
   - Къеджэт мыдэ а зи Ӏэпэлъапэ шхэр!
 
     ПщӀантӀэм сыдэлъэдэжри, Хьэсэн сэджащ. Си ужь ниувэри, шэщым нэжащ Хьэсэн: ди адэр къыщӀеджар дэнэ щищӀэнт! ЦӀыху тӀкӀийт ди адэр, къоплъамэ уи пӀэм уитӀкӀухьырт.
   - ПцӀы бупсмэ, узукӀынщ – зыбгъэдишащ Хьэсан.
   - Супсынкъым.
   - Пэжыр къызжэпӀэмэ, уи гугъу сщӀынкъым. ПцӀы уупсыным нэхъ Ӏей зэрыщымыар зэгъащӀэ!
 
     И псалъэм тэкӀакъым Хьэсэн:
   - Сэракъым шытхъунщӀыр зыкъутар. Зыкъутар сщӀэркъым.
     Ди адэр тэмакъкӀэщӀкъэхъуащ:
   - Тхьэр нахуэу уогъэпцӀ! – Ар жэри си шынэхъыщӀэм и нэкӀур щӀихуликӀащ.
- Дударыхъу, шэщым афӀэкӀа щӀумгъэхьэ мыр. Унэм щӀырырес.
 
     ЛӀжьым си шынэхъыщӀэр къищтэри унэм ихьыжащ, зэщыджэу гъыуэ.
 
     Хьэсэн шэщым нагъэкӀужакъым абы иужькӀэ: унэм щӀаубыдащи, дунейим къытрагъэхьэркъым. Ди адэм и закъуэ: ди анэм и жьэри кӀэригъэкӀыркъым Хьэсэн: “УпцӀыупсщ” – жэри. И напэ зэрыщӀахулӀэкӀар игу техуэнт Хьэсэн: Къыхохъыщтэри, зэшыджэу магъ – щӀэх яхутеужыркъым, едэхащӀэ щхьэкӀэ. Ди анэм и пщӀыхьэпӀи къыхэхуэркъым Хьэсэн пӀцӀы теслъауэ. Шы теувэу шытхъунщӀыр и къутауэ шэч щащӀай щыӀэщ. Шы теувэкӀэ шытхъунщӀыр хуэупӀэщӀын? Сэри зызусыжыркъым, си шынэхъыщӀэращ зытралъхьар.
 
     КъыкӀэлъыкӀуэ гъэм и гъэмахуэм ди анэр Истамбыл кӀуащ аргуэру. Ди закъуэ дыкъэнащ. Хьэсэн шэщым кӀуэн хуадэртэкъым иджири. Жэщ хъурэ дыгъуэлъыжамэ, Хьэсэн къызоупӀщӀ: шыр псафэ пша ноби, шыщэхэр ин хъуа, Псэбыдэ зихъунщӀэрэ щытхъунщӀкӀэ?
 
     Си шынэхъыщӀэр сымаджэ хъуащ. Къалэм къикӀа дохутырым, Хьэсэн еплъри жиӀэщ:
   - Гъуэжь узщ.
 
     Унэм исхэр зэхэзэжэ гъуащ. Ныбгъэ яукӀри, лы цӀынэр Хьэсэн и тэмакъым тралъхьэ. Ди адэр Хьэсэн къыбгъэдэкӀыркъым, и пӀэ тесщ. Дударыгъ нэщхъей зэпытщ. Ди унэӀут цӀыхубзыр магъ, щӀичэркъым.
   - Щхьэ угърэ? – сеупщӀащ унэӀут цӀыхубзым.
   - Уи къуэшыр сымаджэ хьэлъэщ.
   - Хъужунукъэ?
   - Хьэуэ хъужунукъым.
   - Сыт къэхъунур - тӀэ?
   - Уи къуэш цӀыкӀуыр лӀэнущ.
   - ЛӀэнущ жыпӀа? – сэри согъ, сыкъыщиудауэ.
 
     Хьэсэн зэрысымаджэм щхьэкӀэ, ди унэӀут цӀыхубзыр щыжей пэшым сыщагъэгъуэлъат сэ. Жэщ хъурэ сыгъуэлъыжамэ, хьэсэн си нэгу щӀэкӀыркъым. Гъыуэ къызбгъэдэт хуэдэщ: “ПцӀыупс! ПцӀыупс!”. Зы жэщ ди унэӀут цӀыхубзыр къэзгъэушащ:
   - Хьэсэн дэж сыкӀуэнущ.
   - Сыт щхьэкӀэ? – игъэщӀэгъуащ унэӀут цӀыхубзым.
   - Ди адэм зыгуэр жесӀэн хуейщ.
   - Сыт жепӀэнур?
   - ШытхъунщӀыр сэ зэрыскъутар жэсӀэнущ.
   - Сыт шытхъунщӀ?
   - Нэгъабэ пщӀэжыркъэ? Хьэсэнщ зытралъхьар. Ди адэр ешхыдащ...
 
     АфӀэкӀа схужыӀэжкъым: сыкъыщиудауэ согъ, пӀэкӀум сисщи. Зэрыхъуар жэсӀащ ди унэӀут цӀыхубзым. Зызумысыжмэ, ди адэм и фӀэщӀ хъункъэ? Хбэсэн лажьэ иӀэкъым, - ар жэсӀэнщ ди адэм. Сэращ зи лажьэр.
   - Нэху щымэ жепӀэнщ. Жьэщыбг хъуа къудейщ.
   - Хьэуэ, ныджыпсту сыкӀуэнущ!
   - Уи адэр мэжей иджыпсту. Къыумыгъэуш. Пщэдджыжь жэпӀэнщ.
   - Хъунщ - тӀэ.
 
     Си нэбдзыпӀэ зэтэслъхьакъым а жэшым. Нэхулъэ къищ1а къудейуэ, ди унэӀут цӀыхубзыр къэзгъэушащ. Зызусыжынуси, сыкъытреч. Зызумысыжмэ, си пӀлъэм дэлъ хьэлъэр дэхужынущ.
 
     БжэӀупэм Дударыхърэ къуажэ ефендымрэ дащрихьэлъащ – тӀуми я нэпсыр къыщӀож. Си шынэхъыщӀэ цӀыкӀум и псэр хэкӀащ а жэщым.
 
Омер Сейфеддин