Урыс имэралыр

From Wikisource
Jump to navigation Jump to search

Адыгэхэр я гурэ, я псэкӀэ усакӀуэ хьэзырт, ихъуреягъкӀэ ялъагъу дэтхэнэ зыми хуэусэт, псоми гу лъатэу, набдзэгубдзаплъэу щытт, урыс имэралыр япэу щалъэгъуам , абы и дуней тетыкӀэм кӀэлъыплъыри, мыпхуэдэу хуэусащ:

Уэ имэралыжьу лӀы благъуэ,
Благъуэ щӀыкӀэ лӀы щӀыкӀафӀэ,

ЛӀыфӀябгэ.
Зэрабгыжыр уи къалэщ,

Пхъэгъу къалэри къагъэщӀ
ЩӀытӀыр куууэ къогъэтӀ

ТӀы бэрагъуэр уи нышщ.
Нышыр жылэм къыхах.

Жылэм къашэр уи фадэщ,
Къагъэдыдыр уи хывщ,
Хывым и вейр зыбохьэ.

Хьэ мэжаджэр уи Ӏусщ,
Къэсым щхьэщэ къыпхуещӀ,
КъыпхуэзымыщӀыр уи бийщ.

Уи щтэращтэр къэхьпэщщ,
Уи къэхьпэхэр джэгуэнщ.

Гуэн уимыӀэу ужылэщ,
Лы умышхыу унэщӀщ,
НэщӀыр уи ауанщ.

Унэр уи хьэщӀэщщ,
Уи унапӀэр гъуэгуанэщ

ГъуанэпщӀанэр уи щӀыфэщ.
Уи фэр Ӏувщ.
Вы къару ппкъырылъщ

Уи лыр шэсыпӀэщ,
Уи пкъыр уӀэгъэщ

Уи щыгъыныр хьэхущ,
Пхуэдэр зумыпэс пхуэмыдэр уи ижэгъущ

Жэщым укъэрагъулщ,
Гъэрыр уи ауанщ

Уанэр уи пӀэщхьагъщ,
Уи пӀэр гъурщ,
Уипкъ гъурыр жырщ

Жырыр уи джатэщ,
Уи джатэжьыр уи лӀыгъэщ

Уи къэлэныр - зауэнщ,
Ӏэнтлъэкъуапэр къагъэжьгъыжьгъ,
Уи ахъшэ жьыгъер къолъэлъ,
Зэрылъэлъыр уи щӀыгущ,
Уи гущӀыӀум ирикӀуэм и къулыкъур зэфӀэкӀащ.

Мы усэр къэзӀуэтэжауэ щытар Къэхъун къуажэ щыпсэуа, зи Хьэдрыхэр дахэ хъун, Тамбий Хьэмбылацэ.