Къывэмыджауэ хъарбызышхэ фымыкIуэ!

From Wikisource
Jump to navigation Jump to search

Сыт сщӀэн? Зыкъысхуемыгъэгукъыдэжыфмыгъурэ,
еуэ зызогъэкӀырахъуэ, зыкъызогъэкӀырэхъуэкӀыж.
ИкӀэм и кӀэжым зыкъысхуемыгъэк1эрэхъуэкӀыжыфмыгъурэ,
фӀыыщщщщээу слъагъум и деж си Ӏит1ыр сошийри -- къызощтэ.
КъызэӀузох. Соджэ...
Еуэри, жеӀэ, Хъуэжэ зы джэд закъуэ иӀэти, бэзэрым ихьри, ищащ,
къыщӀэкӀамкӀэ хъарбыз къулэнышхуэ къищэхущ аби,къэкӀуэжащ.
Ар зы...лъэгъуа и ныбжэгъужьхэри кӀэщӀкӀэ и яужь иту къызэхос.
Хъуэжэм ахэр къригъэт1ысэк1ри, езыр унэкум ит1ысхьэжщ аби:
-- Сэ нобэ хъарбызыжь къэсщэхуащи, ар хъарбыз зэрашхкӀэ
умышхыныр гуэныхьщ,-- жиӀащ. -- ФщӀэрэ фэ хъарбыз зэрашхыр?
-- Ахьай тщӀэрэ, щхьэ дымыщӀэу! -- жаӀэ ныбжьэгъужьхэми.
-- Дауэ тӀэ?
-- Дауи щхьэуи хэмылъу: бзыгъэ-бзыгъэу яупщӀатэри и кур
яшх, и фэр хыфӀадзэж.
Хъуэжэ къащодыхьэшх: -- Ара хэфщӀыкӀри?
-- Сыт-тӀэ абы нэгъуэщӀу хэлъыр?-- зоплъыж къызэхуэсахэр.
-- КъыджеӀэт!
-- Абы нэхърэ фыкъеплъи фигу ивубыдэ! --жери, и фызым йоджэри
Ӏэнэр кърегъэхь. Хъарбыз къулъэныжьыр Ӏэнэм къытрелъхьэри
ӀэдэкъэсэкӀэ бзыгъ-бзыгъэкӀэ еупщӀатэ.
-- Иджыпсту пщым и хъарбыз шхыкӀэм фыкъеплъ! -- жери хъэр-
бызыку къабзэр щӀегъэмэракӀуэ.
--Иджы уэркъым и хъарбыз шхыкӀэр фызогъэлъагъу! -- жери
хъарбыз бзыгъэхэр ешхыж.
-- Ещанэу былым хъарбыз шхык1и щыӀэщи фыкъеплъ! -- жери
хъарбызыфэхэр ешхыж.
--ЕплӀанэуи джэд хъарбыз шхыкӀэ щыӀэщи, фызогъэлагъу! -жери
хъарбыз жылэхэр къищыпыжурэ ешх.
-- Хъарбызым шхыкӀиплӀ иӀэщи плӀыри зыщывмыгъэгъупщэ!
--Уэлэхьий, абы щыгъупщэ ямыӀэ! -- жаӀэри Хъуэжэ и ныбжьэгъу-
хэр йожьэж.
-- Ауэ щыхъуам деж цӀыхум я хъарбыз шхыкӀэри зэвгъащӀэ! --
якӀэлоджэ абыхэм Хъужэ.
-- Гупыр зэщӀоувыӀыкӀ:
-- Ари дауэ?--жаӀэри.
-- Къывэмыджауэ хъарбызышхэ фымыкӀуэ!