ЕгъэджакӀуэм и гупсысэ

From Wikisource
Jump to navigation Jump to search


ЕгъэджакӀуэм и гупсысэ

Адыгэбзэу бзэм я гуащэм
И Ӏущащэр щоӀу ди жьэгу.
«Мимэ» жиӀэм, дыдокӀуатэ,
«Ӏэгу жи»,-жиӀэм, дыдоджэгу.

Лъэр щӀэлъэту, пкӀатэлъатэу
Ди ТхьэлъэӀум зыныхеш.
Псысэ Ӏэф1у Ӏум илъалъэм
Нартыжь лӀыгъэр гум щыпхеш.

ЩӀак1уэ кӀапэм, напэм, псапэм
Я хъыбархэм дагъэӀущ.
Анэ дэлъхум и бзэ лъапӀэм
СфӀощӀ си гущӀэм зыдиужь.


Аброкъуэ Беллэ