Гум и лъэхъу

From Wikisource
Jump to navigation Jump to search

* * *


Мы пщэдджыжь пшэплъым,
Лъагъуныгъэ дыгъэр къыщыкъуэпсым,
НысфӀожажьэ уи лъыхъуакӀуэ псэр

Жэщ мэзэгъуэ къабзэм
Къегъэнэхур, гущэ, си пэш кӀуэцӀыр,
Нэр зэтеспӀэм псэм зимыгъэпсэху

Сыдэплъейрэ мазэм сеплъмэ,
Къеплъыхыж, гущэрэ, къызэплъ къысфӀэщӀыурэ,
Плъыру жэщхэр пхузохьэкӀыр уэ,
Плъыру жэщхэр пхузохьэкӀыр уэ

Сыхуэмейурэ жэщ мэзэгъуэм,
Сыхуэмыгъэжейурэ, къысхуэмыщӀэурэ,
ЗыхомыщӀэ жэщхэр блызогъэкӀ,
ЗыхомыщӀэ жэщхэр блызогъэкӀ

Схуемытыжу и жэуапыр,
Зысхуэхъумэжыну иджы уэрыншэу,
Си бгъэм си гур схуимыгъэзэгъэж,
Си бгъэм си гур схуимыгъэзэгъэж

Жэщ мэзэгъуэ къабзэм...