Щэныбэ Хьэжгуащэ И Гъыбзэ

From Wikisource
Jump to navigation Jump to search

Диярбэчыр гъуэгур уи нэшэ къашэщ, ералыхь,
Си насыпыншагъым, сэрмыгъуэ дыдэ,
Ералыхь, курдыр къысхуиша мыгъуэщ, ералыхь!

ЛӀыгъурхьэблэ губгъуэр, рэууи,
Зэрыпсынэншэ мыгъуэ, ералыхь,
А залымым и шэри, сэрмыгъуэ дыдэ,
Ералыхь, адыгэ унэм къытихуэ, ералыхь!

ЛӀыгъур Чыкъалми, рэууи,
Чалымыр къещэ мыгъуэ, ералыхь,
БанӀкънот щийкӀэрэ, сэрмыгъу дыдэ,
Ералыхь, курдым сыраща мыгъуэщ, ералыхь!

Уэр ди къуажэ щӀалэхэр, рэууи,
Джэгум зэдокӀуэ мыгъуи, ералыхь,
ЯдэмыкӀуэжынри, сэрмыгъуэ дыдэ,
Ералыхь, курдым къыхуукӀуэ мыгъуэ, ералыхь!

Ар ди къуажэ хьэжьхэр, рэууи,
Къызэдобанэ мыгъуэ, ералыхь,
Ар сыкъибэныкӀыурэ, сэрмыгъуэ, дыдэ,
Ералыхь, Диярбэчыр сашэ мыгъуэ, ералыхь!

Жылэ анэ-адэми, рэууи,
Ӏэуладыр къащтэ мыгъэ, ералыхь,
Ар си анэ-си адэми, сэрмыгъуэ дыдэ,
Ералыхь, ахьшэ нэхъ къащта мыгъуэщ, ералыхь.