ИСТАМБЫЛАКIУЭ

From Wikisource
Jump to navigation Jump to search

ФыкъэдаIуэ цIыхухэ !
ФыкъэдаIуэ псори !
Псалъэр Кафказ къуршыжьхэрщ
ЕмыщIэжым хыхьэ lуэхущхуэщ,
Зэман пшагъуэм щIихъума гуауэщ
Нобэ фигум къэдгъэкIыжынур.
Уо уо уо ри ра,
Истамбылым дашэ мыгъуэри дэ

Уо си адэ пщlантlэ гущэм
Шыгур щызэщlащlэ
Си гущlэр къыщитхъыурэ
Хэкур сагъэбгынэ
Уо уо уо ри ра,
Истамбылым дашэ мыгъуэри дэ

Уо Ис...тамбыл гъуэгу гущэри
Уэ унэшэкъашэти
Си къэшэну дахэри
Жылэм къыдэзнауэ
Уо уо уо ри ра,
Истамбылым дашэ мыгъуэри дэ

Уо си шыпхъу нэхъыщ1э гущэр
Зэрыщхьэц бариний;
Дидей зыгъэунэху­ ?
Сэ къыск1элъижауэ?
Уо уо уо ри ра,
Истамбылым дашэ мыгъуэри дэ

Уо си къуэш нэхъыщ1э гущэри
Шыгур къызэщ1ещ1эри
Шыгур къызэщ1ищ1эуи
Бжэ1упэм къы1уешэ
Уо уо уо ри ра,
Истамбылым дашэ мыгъуэри дэ

Сэ а махуэм кхъухь тедзапIэм
СыкъыIукIыри сыкъежьащ,
Къуэ ещанэм сыкъэсауэ
Зы шу къакIуэу къысхуэзащ.
ЖакIэм нэпсыр къыщыпыткIум
Сэлам тыгъуэр ирохьэлъэр,
Сыкъогубжьыри лIы ихьэлкъым
ЖысIэу щIалэм сыхуохъыжьэ.
Зы лъэбакъуэщ уэ уи нэпсыр
Плъагъужынум къыпхуэнэжыр,
ЖиIэщ шуми си лъэужьыр
И гъуэгуанэу щIэпхъуэжащ.
Сэ къызочыр а лъэбакъуэр,
БгъуэнщIагъ гуэрым сырохьэлIэр.
ЛIауэ щылъыр щIегъу щэныкъуэм,
ЛIэуэ щылъыр абы хэббжэм
Зы щитху хъуну къыщIэкIынщ.
Зи джанэбгъэр фыщIа анэм
И нэр къаплъэу псэр щинащ,
Зи псэм еджэ и сабийри,
Зэса бгъафэм щIэгъуэлъхьащ.
Насыпыншэу къалъхуа цIыкIур
Шхэну хуейщи хокIиикI,
Зи псэр пытхэм ар зэхахри
Плъагъуу я гур кIоузыкI.
ТIэкIу щэIужри Iэуа дыгъэм
И нэ цIыкIухэр щIилъэфащ.
Сэри щIакIуэр занэзэкъуэм
Хьэдэ тепхъуэ яхуэсщIащ.
Шум жиIауэ сэ си нэпсыр,
ЩIакIуэм тетууэ слъагъужащ.
Мис абдежым сиувыкIыри
Сэ тхьэлъанэ быдэу сщIащ
КъызэдаIуэр, акъыл зиIэр,
Мы Iуэху бзаджэм къезгъэлыну
Энджылызми Тырку пащыхьми
Си хэку дахэр шысхъумэну
Емынэ узыр зыхыхьэпауэ
ЗытекIуэдэжыр Тыркум нэсахэрщ,
Я нэхъыбитIыр хыр къэукъубейри,
ХьэпIацIэ Iусыу хэкIуэдэжахэщ.
Къэнажа тIэкIур мы къуакIэ-бгыкIэм
Дэвубыдауэ дывогъэлIыхьыр.
Фэ итIани фи тхьэлъанэщ;
Дэ ди цIыхухэр фIыуэ флъагъуу.
Бгырысхэм щыIэ псоми
ФIы къехъулIэм фэ фи гуапэу.
Ар апхуэдэу щытыр пэжым
ЗылъэмыкIхэр щыхэкIуадэм,
Ди цIыхубзхэр шыплIэжагъэу
Хъан бей гуэлхэм щызэрапхъуэм,
Хэт и хьэдэ фэ вгъеяр?
Лей къыфтехьэу сыт щIэвдар?
Хьэпэщыпхэ фи нэ хуэхъуу
Сыт фэ дыуэ щIэвмытхар?
Зэм Щамилым, зэм пащтыхьым,
Зэм алыхьым фырилIыкIуэщ
Дэнэу пIэрэ фэ цIыху гъапцIэу,
Емынэжьхэм фи къежьапIэр.
Хэт и хабзэм тедухуэну
Фэ фи хьэдэм и щIэлъхьэкIэр,
Сын фхуэтщIынут блащхьэ фIэту
ЩIым ар хэптIэм щIыр гызынущ.
МафIэ тщIырэ фхедгъасхьэм,
Уз хэтынущ фи жьэрымэм.
Ар псом нэхърэ нэхъ фхуэфащэщ;
Iус фахуэхъум псыпцIэблэжьхэм.
ЦIыху нэлатхэр зэтехуауэ
Щхъухьыр щхъухьым хырекIуадэ,
Зи губампIэр мытIысахэм
Фэ фи ужьыр яхухъу МАХУЭ !!!

Адыгэжь бэракъ гущэри,
Ей жьыбгъэм зырейхьэ.
Дыдеж я хъыбархэри,
Хэт фэ къыфхуихьыжыну !!!