Жэбагъы и зы къуэр

From Wikisource
Jump to navigation Jump to search

Жэбагъы и зы къуэр
Жэбагъы лӀыжь уэршэрым яхэсу бын хъыбар къохъей, нэхъыбэ зиӀэхэм загъэщӀагъуэу, нэхъ мащӀэ зиӀэхэр укӀытэу.
Уэршэрым я нэхъыжьыр Къэзанокъуэм къоупщӀ:
- Уэ бын дапщэ уиӀэ?
- Зы закъуэ.
- ЩӀалэ? Хъыджэбз?
- Уэлэхьи, зы къуэ закъуэм сиӀэр.
- КъуитӀ – къуищ уиӀэгъащэрэт! – жаӀэ зэхэсхэм.
- Фымыгузавэ, си ныбжьэгъужьхэ, - жи Жэбагъы. – А си къуэ закъуэр лӀыфӀ хъумэ, Уэлэхьи, ар сэ срикъунмэ; ар закъуэми, Ӏей хъумэ, Къэбэрдей псом дрикъунмэ!